Шакман Мажидович Пшихачев

(1929–2011)

Биография

Пщыхьэщ1э Шэкъмэн Мэжид и къуэр 1929 гъэм щ1ышылэм и 8-м Джэрмэншык (Герменчик) къуажэм къыщалъхуащ. Ебланэ классым нэсыху къуажэ еджап1эм щеджащ. А лъэхъэнэм и нэгу щ1эк1ахэр итхыжурэ иужьк1э усэ фащэм иригъэзэгъащ.

Пщыхьэщ1эр и сабиигъуэм къыщыщ1эдзауэ къуажэм и гъащ1эм жыджэру хэтащ. Нэмыцэхэр Джэрмэншык къыщык1уам, колхозым и гъавэ жылапхъэр абыхэм я1эрэмыхьэн папщ1э, я унэкъуэщым я деж яшэщ, мэкъу лъабжьэм щ1агъапщк1уэри къырагъэлащ. И ныбжьэгъу щ1алит1 и гъусэу, Шэкъмэн колхоз 1эщыр Шаджэм мэзым ихури, бийр къуажэм дахужыху щэхуу абы щи1ыгъащ. 1957 гъэм ар жыджэру хэтащ «Къэрэсу» мэкъуауэ бригадэ ц1эры1уэм.

Шэкъмэн сыт худэ лэжьыгъми къыхэжанык1ыу пэрытт. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ къуажэм щызэрахьа л1ыхъужьыгъэхэр, лэжьыгъэу щагъэхъахэр къахуощыж Шэкъмэн и тхыгъэхэм. Абы и усэхэр къытрадзащ «Советская молодежь» газетым, Иорданым къыщыдэк1 «Зэкъуэшыныгъэ» адыгэ журналым.

Пщыхьэщ1э Шэкъмэнрэ абы и щхьэгъусэ Къэзаншэхэ япхъу Хъаджэтрэ унагъуэ хъэрзынэ яухуауэ щытащ ик1и бынипл1 зэдагъуэтри, яп1ащ, ягъэсащ.

Пщыхьэщ1э Шэкъмэн 2011 гъэм и мазаем дунейм ехыжащ, ауэ и усэхэм ящыщ куэд и фэеплъу дунейм къытенащ.